Шам

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Хьэрып Республикэ Шам
хьэр-бз.   ????????? ??????? ???????
Дэмыгъэ Шамым
Шамым и нып Шамым и дэмыгъэ

Кординатхэр : 35°18′00″ с. ш. 38°38′00″ в. д. ? / ? 35.3° с. ш. 38.633333° в. д.   (G)

Къэрал уэрэд : ≪Хьумэт ад Диар≫  
Хуитыныгъэм и махуэ 1946 мэлыжъыхьым и 17-м (зхэк?ар  Фрэндж )
Нэхъышъхьэбзэхэр хьэрыпыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Дамаск
Къалэ нэхъ инхэр Дамаск , Хьэлеб
?энат?э хабзэр Парламент республикэ
Президент
Премиер министр
Башар Ал Асад
Мухьэмэд Нэджи ал Отари
Ш?ып?эр
? Псори
? % псым п?эуэ иубыдыр
86-нэ дунем
185/180  [1] км²
0,06
Къэралым и джылэр
? Зэралъытэмк?э ( 2007 )
? ?увагъыр

19 405 млн [2] ц?ыху ( 55-нэ )
103 ц?ыху/км²
ВК?уП
  ? Къыхэк?ыр ( 2008 )
  ? Зы ц?ыхум къытехуэр

$ 87, 923 млрд [3]   ( 63-нэ )
$ 4570
Сомыр (Валутэр) Шам фунт ( SYP, 138 )
Интернет-доменхэр .sy
Телефон кодыр +963
Зэманыгъуэхэр +2
Хьэрып Республикэ Шам Уикисурэтылъэм
  1. Абыхэм 1170 км² Исраэлым оккупациэ ишъри, 1980 аннексиэ хъуахэ.
  2. Абыхэм мин 40 хуэдизыр оккупациэм хэт ш?ып?э Голан ?уашъхьэхэмрэ Хермон ?уашъхьэм идежьрэ щопсохэ
  3. Дунейпсом и валутэ фондыр

Хьэры?п Респу?бликэ Шам ( хьэр-бз.   ????????? ??????? ??????? ) ? Къуэк?ып?э Гъунэгъум хэт къэрал. И къалэ нэхъышъхьэр Дамаск - дунейспом джылэ здыдэс къалэ нэхъышъхьэхэм я нэхъыжъ.

Хэкумэтхыр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Шамым и хэкумэтх
Шам и ш?ып?этхыпхъэр

Шамыр Къуэк?ып?э Гъунэгъум хэт къэрал, и инагъыр зэрыхъур мин 185,2 км², и къуэхьэп?э лъэныкъуэр Хы Курытым и ?уфэм ?охьэ, и гъунапкъэхэр дырик?уэхэр: ипшъэ-къуэхьэп?эмк?э - Ливанымрэ Исраэлымрэ , ипшъэмк?э - Йорданым , къуэк?ып?эмк?э - Иракум , ишъхъэрэмк?э - Тыркум .

И ш?ып?эр лъэныкъуит?у егуэчыр Ан Нусариа тхым и ?уашъхьэхэм, и къуэхьэп?э лъэныкуъэр псык?э бэуэ къигъану, къуэк?ып?эр гъушъэгъу ишъу. Къуэладжэшхуэ ш?ыгуф? илъу и ишъхъэрэ-къуэхьэп?э лъэныкъуэм хэлъ, км 130-к?э ирик?у тыркуэй гъунапкъэм щык?эдзауэ Хы Курыт ?уфэмк?э ирок?уэ ливиэ гъунапкъэм нэс. А хэкум дежь къэралым и аграриу хъуар хэту джып?э хъуну.

Къэралым и псы нэхъ иныр Еуфрат , абым 80% къэралым псыуэ и?эр хэлъ, И сэмырабгъумк?э хэлъадэ псы нэхъ инхэр Балихрэ Хабуррэ, Тыркуэйм къыхожхэр. Ижьэмк?э хэлъадэ псыхэр гъатхэ къуэдеймра я псыхъуэхэм псы щежэхыр. 1973 гъэм Шамым псыубыд Табакам Дам яшъын яуха, абым псыхъурей Эл Асадыр е?ыгъ, абым и к?ыхьэгъыр км 80 хуэдиз мэхъур и бгъуагъыр км 8 хуэдизым нос.

Хьэйуар нэхъыбэм гъушъэгъу щыт. Курытыгъу илъээсым уэуэ къехыр мм 100-м ф?эк?къым. Темперэтурэ курытыр ш?ычылэм - +7,2 °C, мэкуауэгъуэм - +26,6 °C.

Тхыдэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Шам и тхыдэр

Шамым и тхыдэм бжыгъэрэ яубыдауэ щыта - мысырхэм , канаанхэм , арамейхэм , ?эссирийхэм , вавилонхэм , къажэрхэм , алыджхэм , урымхэм , набэтейхэм , византийхэм , хьэрыпхэм , джорыдзэхэм , яужым Уэсмэн империэм и ?энат?эм к?эта.

Мыслъымэныгъэр Шамым 661 гъэм ихьа, Дамаск Халифатым и къалэ нэхъышъхьэ щыхъуам, ?умаядхэм я ?энат?эгъуэм щыгъуэ. А зэманыгъуэм Халифатыр къэрал лъэшышху щытт, Пиреней хы т?ыгуныкъуэм щык?идзэти Азиэ Курытым нэст. Дамаскыр хьэрып къэралыгъуэм экономикэмк?и, шъэныгъэхэмк?и шъхьэщыт хъуа VIII лъэхъэнэм, дунем и къалэ нэхъ инхэм ящыщу. 750 гъэм ?умаядхэр Аббасхэм трамыхуа к?ышъэ, яужым къалэ нэхъышъхьэри Багдад яхьа. XIII лъэхъэнэм и кум Дамаскыр Мамлык?у империэм и куейм и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур. 1400 гъэм Шамым монголыдзэр тоуэ. Темырлэным къалэр зехекъутэ, ехъунк?ри мылъку хъуар Самаркандым дечыр. 1517 гъэм Шамыр Уэсмэн империэм и ?энат?эм к?охуэм илъэсишъэ зыт?ущк?э.

Япэрей дунейпсо зауэр иуха яуж Уэсмэн империэр к?эху зэгуэхун к?едзэ. 1920 гъэм хьэрып пэштыхьей Шам мэхъур и пэхтыхьу техьэр Фейсал I-й Хашимий лъэпкъым щыщ, яужым Иракум и пэштыхь хъуа. Шамым хуитыныгъэ куэдрэ и?экъым. Мазэ зыт?ущ тек?ауэ фрэнджыдзэм Шамыр оккупациэ ешъыр. 1922 гъэм Лъэпкъхэм я лигэм унафэ къыдегъэк? Тыркуэйм Шам лъэныкъуэгъу и?ыгъар Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ яхуигуэчу. Британиэшхуэм Йорданымрэ Палестинэмрэ лъыса, Фрэнджым - иджырей Шамымрэ Ливанымрэ . 1936 гъэм Фрэнджымрэ Шамымрэ тхылъ к?атхэ Шамым и хуитыныгъэр къыхэк?ыу абым, ауэ 1939 гъэм Фрэнджыр к?огъуэжьри игъэзанк?экъым тхылъым к?итхар. Ет?уанэ дунейпсо зауэм и зэманыгъуэм Фрэнджым и къэрур мэк?уэдыр, Шамым зыкъэ?этыгъуэ йок?уэк? хуитыныгъэм шъхьэк?э.

1941 гъэм фок?адэм и 27-м Фрэнджым хуитыныгъэ ирет Шамым.

Шам хуитым и президенту техьар Шукри ?эл Куватли. 1947 гъэм парламентым лэжьэн щ?идза. Президентым и ?энат?эгъу къэрууэ хъуар Шамым и Лъэпкъэгъу-социал партиэ.

1948 гъэм шамыдзэм лъэныкъуэгъ и?ыгъу хьэрып-исраэл зауэм хэта, хьэрып къэрал зэгуэтхэм ирагъэжьам.

1958 гъэм мэзаем и 22-м Шамымрэ Мысырымрэ зы къэралу зэхохьэхэ Хьэрып республикэ зэгуэт и къалэ нэхъышъхьу хъуар Каир . Къэралым и президент хъуар Гамал Абдэл Насэр , шамхэми ?энат?эп?ашъхьэ куэд ялъыса, ауэ куэд темык?ыу Насэрым шам политикэ партиэхэр зэхегъэк?, аграриэр, къыдэгъэк?ыгъуэхэр, банк лэжьыгъуэхэр къэралыгъуэ лъэпкъэгъу ешъхэр. 1961 фок?адэм и 28 Дамаскым дзэзэшэ гупым я унафэк?э къэрал зэхъуэк?ыгъуэ йок?уэк?, Шамыр аргуэру хуит мэхъур.

Джылэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Шам и джылэр

Шам джылу дэсым и бжыгъэр 2007 гъэмк?э зэрыхъуар 19 405 млн ц?ыху. Хэрыпхэр 80% мэхъу дэсу хъуам. Пэмык? лъэпкъ нэхъ ину бжыгъэк?э к?уэр курдхэр - 10% мэхъухэр, ябыхэм я нэхъыбэр къэралым и ишъхъэрэ лъэныкъуэм дэсхэ, куэдым я бзэр зэрахьэхэ, ?эссирийхэр 3% мэхъухэ. Адыгу мин 400 хуэдиз дэс, ермэлыуэ мин 200 хуэдиз, ингучу минитху хуэдиз. А лъэпкъхэм щымыхъук?э Тырку гъунапкъэм и лъэныкъуэм дежь къалэ Хьэлебымрэ Латакиэмрэ мин 900 хуэдиз тырку дэсхэ.

Экономикэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Шам и экономикэр

Экономикэмк?э къэралым и ?охур къэлъытэгъуэк?э ф?ыуэ зэф?эту щыт. ВК?уП-ыр зэрыхъуар млрд 71, 7 АШЗ-м и доллару , ВКуП хэхъуэк?эр 2005 гъэм зэрыхъуар 2,3%.

Къэралым ф?ыуэ зэф?эгъувауэ щытхэр: фатэгыным и экспорт, фатэгын къык?эхыныр хохъуэ к?элъыгъуэ к?эуэ зэрагъуэтам шъхьэк?э, къыдэгъэк?ыгъэуэр хохъуэ зэпимыуду, аграриэр лъэшу, сэбэпыгъуэк?э зэф?эгъува.

Къэралым и лъэпауэгъуэхэр: дзэ ?ыгъыным уасэшхуэ техуэхэм экономикэм йохьэлъэк? куэду, коррупциэр, хамэ къэралхэм я инвестициэ зэримы?эр, джылэм и хэхъуэк?эр ину зэрек?уэк?ыр, псымк?э хуэныкъуэгъуэ зэк?элъыпыт, лэжьап?эншу (20%), реформэхэр хому зэрек?эк?ыр.

Администрацэ гуэчыгъуэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Шамыр куей 14-к?э мэгъуэчыр, абыхэм я тхьэмадэхэр къэралк?уэц? ?охугъуэ министериэм хехыр, куей къэс езым и парламент и?э. Кунейтрэ куейр Исраэлым оккупациэ ишъауэ и?ыгъ, куейм и лъэныкъуэ гуэрэхэр ЛъЗ-ым и ?энат?эм к?эт.

Куейр Къалэ нэхъышъхьэр
1 Дамаск Дамаск
2 Риф Дамаск Дамаск
3 Кунейтра Кунейтра
4 Дер?а Дер?а
5 Эс Сувейда Эс Сувейда
6 Хомс Хомс
7 Тартус Тартус
8 Латакиа Латакиа
9 Хама Хама
10 Идлиб Идлиб
11 Хьэлеб Хьэлеб
12 Эр Ракка Эр Ракка
13 Дэйр эз Зор Дэйр эз Зор
14 Эл Хасеке Эл Хасеке

Дзэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Шамым и дзэр

Къэралым и нэхъышъхьэ дзэзэшэр прдезидентыра. Къулыкъур дзэм еджэгъуэк?э яхьыр. Шъауэхэр илъэситк?э яхьыр къулыкъур я ныбджыр илъэс 18 щырикъум, ауэ, шъауэ дачым зыкъуэш и?у щытмэ, имы?эмэ унагъуэр зэ?ыгъу рауэ къалъытэри къулыкъу хьыныр техуэкъым.

Дзэм и бжыгъэр зэрыхъур мин 320 ц?ыху (16-рей дунем).

Совет Зэгуэтхэр щызэхэк?ахэм, Шамым япэреуэ дэ?эпыкъутэр ?эшэк?э къэралым и дзэм и ?охур ?эуэ зэ?ыхьат, иджыпсту Урысейр аргуэру япэреуэ щыт Шамым ?эшэ къыздищэхур.

Дзэр зэрзэхэк?ыр: Зек?уэдзэ, Уэгузауэдзэ, Хыдзэ, Уэгу теуэгъуэм пэщытыдзэ.

Техьэп?эхэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]