Арнаутие

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Арнаутие
алб-бз.   Shqiperia
Дэмыгъэ Арнаутием
Арнаутием и нып Арнаутием и дэмыгъэ

Кординатхэр : 41°21′00″ с. ш. 19°59′00″ в. д. ? / ? 41.35° с. ш. 19.983333° в. д.   (G)

Къэрал уэрэд : ≪Hymni i Flamurit≫   ( Макъ  едэ?ун   ( info ) )
Хуитыныгъэм и махуэ 1912 шъак?уэгъуэм и 28 (зхэк?ар  Уэсмэн империэ )
Нэхъышъхьэбзэхэр албаныбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Тирана
Къалэ нэхъ инхэр Тирана , Дуррес
?энат?э хабзэр Республикэ
Президент
Премиер-министыр
Бамир Топи
Сали Бериша
Ш?ып?эр
? Псори
? % псым п?эуэ иубыдыр
139-нэ дунем
28 748 км²
4, 7%
Къэралым и джылэр
? Зэралъытэмк?э ( 2009 )
? ?увагъыр

3 187 [1] ц?ыху ( 130-нэ )
126,6 ц?ыху/км²
ВК?уП
  ? Къыхэк?ыр ( 2008 )
  ? Зы ц?ыхум къытехуэр

$ 21,864 млрд [2]   ( 110-нэ )
$ 7018
Сомыр (Валутэр) Лек
Интернет-доменхэр .al
Телефон кодыр +355
Зэманыгъуэхэр +2
Арнаутие Уикисурэтылъэм

Арнаутие Республикэ е Албание Республикэ ( алб-бз.   Republika e Shqiperise ) ? Еуропэм хэт къэрал, Балкан хы т?ыгуныкъуэм и къуэхьэп?э лъэныкъуэр е?ыгъ. Къалэ нэхъышъхьэр Тирана .

Хэкумэтхыр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Албаниэм и хэкумэтхыр

Албаниэр Еуропэм и ипшъэ-къуэк?ып?э лъэныкъуэм хэт, Балкан хы т?ыгуныкъуэм и къуэхьэп?э лъэныкъуэм иту.

Гъунапкъэхэр зды?ухьэр: ишъхъэрэ-къуэхьэп?эмк?э ? Къушъхьаф?ыц?эм , ишъхъэрэ-къуэк?ып?эмк?э ? Косовом , къуэк?ып?эмк?э ? Македониэм , ипшъээ-къуэк?ып?эмк?э ? Алыджым .

Ишъхъэрэ-къуэхьэпэмк?э Адреатикэ хым и ?уфэм ?охьэ, ипшъэ-къуэхьэп?эмк?э Ионикэ хым и ?уфэм.

Къэралым и ш?ып?эм и нэхъыбэр къуэк?эбгык?ыу щыт, хы ?уфэм и гъунэхэра губгъу щытыр, нэхъыба?ом псыпц?у .

Хьэйуар субтропик хыкурытыгъу щыт. Гъэмахуэр к?ыхьу, гъушъэ, ш?ымахуэр к?эк?ыу хуэшъабэ. Температурэ курытыр макъуэуэгъуэм 24?25 °C, ш?ычылэм 8?9 °C. Къушъхьэ лъэныкъуэхэм хьэйуар континентал-курытым нэхъ хок?уэ, температурэр нэхъ ш?ы?э уэи нэхъыбу къохыр.

Албаниэм и псыхэм я нэхъыбэр Адреатикэ хым холъадэхэ, абыхэм ящыщу псы нэхъ инхэр: Дрин , Мати , Шкумбини , Семани , Виоса .

Тхыдэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Албаниэм и тхыдэр

Антикым щык?эдзауэ иджырей Албаниэм и ш?ыпэм албанхэр къызхэк?а лъэпкъ илирийхэр иса. Къэралым и ипшъэ лъэныкъуэр Эпирам хэта.

Лъэхъэнэ курытхэм Урым империэр сызэгуэхум, Албаниэм и нэхъыбэ ш?ыгухэр Визэнтиэм хок?уэ. VI лъэхъэнэм и к?эм щык?эдзауэ слоуан лъэпкъхэр зек?уэ яшъурэ къэралым йохьэхэ. Яужым бжыгъэрэ къэрал бжыгъэхэм яубыд - венецианхэм , Эпир пэштыхьейм , Неаполитан пэштыхьейм , Сербиэ пэштыхьейм джоуэ. XIV лъэхъэнэм икум Албаниэм и ш?ыпэпсор сербиэ пэштыхь Стефан Душаным еубыд.

1468 гъэм къэралыр Уэсмэн империэм иубыдын к?едзэ, 1571 гъэм кэралыр псоуэ уэсмэнхэм я ?энат?эм к?охьэ.

1912 гъэм шъак?уэгъуэм и 28-м, Влорым дежь къа?оху къэралым и хуитыныгъэр. 1912-1913 гъэхэм Аустрэ-Венгрым , Британиэшхуэм , Джэрмэным , Урымым , Урысейм , Фрэнджым джоуэ, къэралым и аутономиэ къалъытэ, яужым и хуитыныгъэри Уэсмэным хэмытыжьу.

1939 гъэм мэлыжъыхьым и 7-м Урымым и дзэр Албаниэм йохьэри мэлыжъыхьым и 10-м къэ?охур аннексиэ и ш?ып?эр ишъауэ. 1943 гъэм Мусолини трагъэк?а яуж, Урымым капитулациэ ишъу къэ?ухур, ауэ фок?адэм и 10-м къэралым джэрмэныдзэр йохьэ. Хуитыныгъэм шъхьэк?э ек?уэк? зауэр хомурэ джылэ-демократ револуциэ мэхъур. 1944 шъак?уэгъуэм и 29-м къэралыр хуит мэхъур.

1946 гъэм Албаниэ Джылэ Республикэ мэхъур

1976 гъэм щык?эдзауэ Албаниэ Джылэ Социал Республикэ мэхъур, Энвер Паша и тхьэмаду, РССЗ-м и дэ?эпыкъуэгъук?э.

1985 гъэм Энвер Паша дунем ехыжьа яуж ?энат?эм ?ухьэр Рамиз Алия, Энверим и лъэжьыгъэмк?э ?энат?ашъхьэр игъэк?уэн игугъэ, ауэ Къуэк?ып?э Еуропэм и къэралхэм къэхъ зэхъуэк?ыгъуэхэм зэрахъуэк? Албаниэм и тотолитар щытык?эр АШЗ-мрэ еуропэ къэралхэмрэ я шъхэщытыгъуэк?э зы лъэныкъуэмк?э адрей лъэныкъуэк?э къэралым и джылэмк?э.

1992 гъэм Албаниэ Демократ Партиэ хок?ыр. Коммунистхэр хэмык?а щыхъум Албаниэм джылэр бжыгъу дэк?ын к?адзэхэ Урымым куэчху. 1996 гъэм Демократ партиэм хэхыгъуэм манипулациэ ?эмэ ирегъэк?уэк? парламентым нэхъыба?у хэк?ыным шъхьэк?э. 1997 гъэм къэралыр джылэ гузэвэгъуэхэм хохуэ гъэпц?эгъуэ фирмэхэм я ахъчэ халъхьэхэр зэраф?эк?уэдам шъхьэк?э. А къэхъуахэм теухуауэ 1997 гъэм и хэхыгъуэхэм Социал партиэр хок?ыр. 2005 гъэм Демократ партиэм нэхъыбу п?эхэр щылъысар парламентым

Джылэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Албаниэм и джылэр

Джылу дэсым и бжыгъэр - 3,64 млн (2009 гъэм и къэлъытэгъуэк?э). Къалэсэсу абыхэм - 47 %.

Лъэпкък?э - албанхэр 95%, алыджхэр 3% пэмык?хэр ( валаххэр , цыджанхэр , сербхэр , македонхэр ) 2%.

Динк?э - мыслимэнхэр 70%, захуэ чыристэнхэр 20%, католикхэр 10%

Джылэм и бжыгъэр [3]
Гъэр Бжыгъэр
2008 3.170.048
2007 3.160.467
2001 3.063.318
1989 3.182.400
1979 2.590.600
1969 2.068.200
1960 1.626.300
1950 1.218.900
1945 1.122.000
1930 833.600
1923 814.400

Экономикэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ : Албаниэм и экономикэр

Индустиэк?э зэф?эмыува аграриэ къэралу щыт Албаниэр, Еуропэм и къэрал нэхъ тхьэмышк?эдыдэхэм ящыщ.

ВК?уП-р 2009 гъэмк?э здынэсар $ 11,9 млрд. ($ 6,3 мин зы ц?ыхум теху, 131 п?эр дунем, Еуропэм ет?уану ик?эм хэт Босниэрэ Герцеговинэрэ дэк?ыгъу, а къэралит?ым яуж къинэр Молдавиэ къуэдейра). Тхьэмышк?эгъуэм хэтыр 25 % къэралым и джылэм.

Администрациэ гуэчыгъуэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Албаниэм и ш?ып?эр хэку 12-к?э мэгуэчыр, езы хэкухэри куей 36-к?э зэхок?ыжьхэ

Хэкухэр Къалэ нэхъышъхьэр
1 Берат Берат
2 Дибра Пешкопи
3 Дуррес Дуррес
4 Элбасан Элбасан
5 Фиер Фиер
6 Гирокастра Гирокастра
7 Корча Корча
8 Кукес Кукес
9 Лежа Лежа
10 Шкодэр Шкодэр
11 Тирана Тирана
12 Влора Влора

Гулъытыгъуэ [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

  1. World Gazetteer (индж.)
  2. Albania International Monetary Fund 2009-10-01 (индж.)
  3. Статистикэм и институт: Джылэм и бжыгъэр 2001-2008 ; Рассел Кинг, Никола Май: Албаниэм ик?ауэ ? социал хэхьэгъуэхэр Урымыр , Берган Тхылъ, Ниу Йокр 2008

Техьэп?эхэр [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]