한국   대만   중국   일본 
Латиныбзэ - Уикипедиэ Jump to content

Латиныбзэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Латиныбзэ
Сурэт
Lapis niger ( ? нывэ ф?ыц?э )
Зэрзэджэр: lingua latina, lingua romana
Къэралхэр: Къуэхьэп?эмрэ Ипшъэ Еуропэмрэ , Къуэк?ып?э Гъунэгъу , Ишъхъэрэ Африкэ (I - V лъэхъэнэхэм)
Статус официалыр: Ватикан
Дунем тетыжькъым : Тхыбзэр романыбзэхэмрэ джэрмэныбзэхэмрэ зэк?ашта XII - XV лъэхъэнэхэм ( Къуэк?ып?э Еуропэм XVII лъэхъэнэм), щ?эныгъэ лэжьыгъэхэм XVIII лъэхъэнэм нэс хэта, хъушхъуэгъуэхэм, п?алъэщ?эныгъэмрэ католицизмымрэ иджыри къыздынэсым къагъэсэбэп
Псалэк?э бзэм: яужым романыбзэхэр къыхэк?а IX - XII лъэхъэнэхэм
Классификациэ
Категориэ : Еуразиэм и бзэхэр
Индоеуропэ унагъуэ
Италий лъэныкъуэгъу
Латин-фалискэ гуп
Тхыбзэр : латин
Бзэ кодхэр
ISO 639-1 : la
ISO 639-2 : lat
ISO 639-3 : lat

Латиныбзэ иэ Латин ( lingua latina ) ? латин-фэлий гупым хэт италий бзэхэм индэеуропэбзэхэм я унагъуэм. Нобэк?э абы изакъуэ къагъэсэбэпыр италий бзэхэм ящыщу. Мы бзэр Ромэ Империэм и къэрал бзэщ.

Латиныбзэр нэхъ пэсырей дыдэхэм ящыщ, тхыпхъэ зи?а индэеуропэбзэхэм.

Нобэ латиныбзэр ?аташъхьэ бзэуэ Ватикан къэралым ей, абы пэмык?ыу Ромэ-Кэтолик Чылисэм.

Псалъэ куэд еуропэбзэхэмрэ адрей бзэхэми я?у латиным къыхэк?а.

Тхыдэ [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Латиныбзэр оскыбзэмрэ умбрыбзэмрэ яхэту италий лъэныкъуэм хэтхэт индэеуропэбзэ унагъуэм. Пэсырей Урымыр зэф?эувэн, къэру къыштэн щыхъум лэтиныбзэм адрей италий бзэхэм яшъхьарыуву к?идзэри хом-хому ?анат?ашъхьар къишта ишъхърэ Еуропэм .

Латиныбзэр тхыдэмк?э зэрзэф?эувар щыуэ бгуэч хъуну, езым ик?уэц?ымк?и эволуциэ и?амрэ адрей бзэхэмрэ езымрэ зэрзэпылъахэмрэ.

Къызэрыхъуар [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Къызэрыхъуар бзэм хуэду ди лъэхъэнэм ипэк?э II. Ди лъэхъэнэм ипэк?э I ик?эдзэгъуэм, лэтинэбзэк?э хэку Лациэм (лат. Latium ) здэпсалъэтэр, а хэкур Апеннин хы т?ыгуныкъэм икъуэхьап?эм лъэныкъуэм хэта Тибрэ ипсыхъуэк?агъымк?э.. Лъэп?къ Лациэм дэсам латинк?э яджэт (лат. Latini ), бзэми зэреджэр арат. А хэкум и?аташъхьа къалэр Ромэу щыта (лат. Roma ), абы иц?э яужк?э ихъуреягъым щыса лъэп?къхэм зытра?уар зэгуэхьа нэужыуи, Ромэ хъуахэ (лат. Romani )

Классикэ Латин [ зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын ]

Классикэ Латин - абы къырагъэк?ыр бзэр щызэф?эувар, щыгъэгъар усэмк?э, тхыгъэмк?э Цицеронымрэ (106-43 ди лъэхъэнэм ипэк?э) Цезэрымрэ (100-44 ди лъэхъэнэм ипэк?э), абы пэмык?ыу усэхэр Вергилиэ еуэ (70-19 ди лъэхъэнэм ипэк?э), Горациэ (65-8 ди лъэхъэнэм ипэк?э), Овидиэмрэ (43 ди лъэхъэнэм ипэк?э - 18 ди лъэхъэнэм)

Классикэ латиным изэф?эувэныгъмрэ игъэгъэнымрэ дэ?апыкъутэр Ромэр ипшъэ еуропэм икъэрал нэхъ ин зэрыхъуар, къэхьап?э, къэк?ып?э Еуропэр иубыдауэ, ишъхъэрэ Африкэмрэ Азиэ ц?ык?умрэ. Ромэ къэралым икъуэк?ып?э хэкухэм ( Алыджым , Азиэ ц?ык?ум, Африкэм ишъхъэрэ хы ?уфэхэм) Ромэхэм щаубыдам иде алыджыбзэмрэ алыдж културэ гъэпсамрэ зэрахьати, латиныбзэр зэрапэсакъым. Пэмык?ыу ?оху зэртетар къуэхьап?э Еуропэм .

II ди лъэхъэнэм ипэк?э латиныбзэк?э Урым закъуэм иш?ып?этэкъым псэлъэн здык?адзар. ?аташъхьа бзэ хуэду къэраль яубыдахэм мак?уэ: Переней хы т?ыгуныкъуэмрэ идырей Фрэнджым ипшъэмрэ. Апхуэду бзэр нэхъыбу зыхэхьа лъэп?къхэр Ромэхэм нэхъ ягъунэгъу щысхэра-келт лъэп?къхэр Галлиэ хэкум исахэр (иджырей Фрэндж , Белгиэ , Нидерлэнд , Шуэцарэ ). 476 гъэхэм лъэп?къ Галлиэмрэ, Британиэмрэ исахэм латинэбзэр куэду къахонэр, джэрман лъэп?къхэми хуэду.